Нартхэр
На́ртхэр, Нарт ӀуэрыӀуа́тэ — лӀыхъужъыгъэ хъыбархэр Ишъхъэрэ Къаукъаз лъэпкъ бжыгъэхэм яӀэ: адыгэхэм, абазэхэм, осетинхэм. Абым пэмыкӀыу мычгышхэми, ингучхэми, къэрэчехэми, балъкъэрхэми Нартхэм ятеухуа хъыбар гуэрэхэр яӀэ.
ЛӀыхъужъыгъэ ӀуэрыӀуатэ «Нартхэр» — нэхъ пэсыреуэ, нэхъ лъэшу щыт къэӀотэныгъэ-усыгъэмкӀэ зих-меот-адыгэ лъэпкъым, аборигену щытхэм Ишъхъэрэ Къаукъазым, Хы ФӀыцӀэм, Хы МыутӀэм я Ӏуфэхэм, Тэн, Псыжъ я псыхъуэхэм. Зих-меот-адыгэ уэрэдхэм ягъэлъагъуэ лӀыгъэ, къэру, хэхуагъэ яхэлъыр бийхэм щапэщытым, я Хэкужъым ис цӀыхухэр Ӏем къызэрырагъэлыр. Апхуэдэ гулъытыгъуэ ӀуэрыӀуатэм хэлъхэмкӀэ, «Нартхэр» лӀыхъужъыгъэ хъыбар джоуэ бгъэув хъуну.
Къызэрежьар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ӀуэрыӀуатэр къыщыхъуар цӀыхум дуней здэпсом макӀыу щыхишъыкӀ лъэхъэнэрат. «Гъэшъэгъуэн дунеишхуэ, гъунэ зимыӀэ; Тхьэхэр, иныжъхэр, лӀыхъужъхэр здызекӀуэ-здэпсо, дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр уэгум здит, езы уэгур; мафӀэр, псыр, хьэкӀэ-кхъуэкӀэхэр, къэкӀыгъэхэр, шыблэр псори Тхьэм ей, Тхьэм и Ӏэшъагъэ. Езы цӀыхур а псоми хэт — Тхьэм, дунем, езы цӀыхум и Ӏэшъагъэ гъэшъэгъуэнхэм.
ӀуэрыӀуатэм зэфӀэувэн щыкӀидзар лӀэшъыгъуэ VIII-VII ди лъэхъэнэм япэ. ЛӀэшъыгъуэ XIII-XIV-хэм хъыбар зэмгъэзэхуа зэбгырыдзахэр, зыуэ зэхэхьэн кӀадзэ зы Ӏохугъуэ иэ зы цӀыху нэхъышъхьэм епха хъуху. Нартхэр зэфӀэуву къызхэкӀахэр аланхэм я пэсырей хъыбарыжъхэм, скифхэм я зэманыгъуэм, лӀэшъыгъуэ VII-IV ди лъэхъэнэм ипэм.
Лъэпкъхэм я ӀуэрыӀуатэхэр зыгъэбагъуэ хъуар я Хэку хъыбарыжъхэра, лъэпкъэгъу зэманыгъэм зэфӀэувар матриархатым фӀэкӀагъеуэ. Нарт ӀуэрыӀуатэхэм яуж лъэпкъэгъу зэхъуэкӀыгъуэ екӀуэкӀахэм ящыщи зыхиубыда. Иджыри къыздынэсым и къэрур кӀуэдкъым, Адыгэ Хэкухэм (Адыгейм, Къэбэрдем, Шэрджэсым), Абазэм, Осетиэм джэгуакӀуэ бжыгъэхэр дэс Нартхэм я пшыналъэ зезыхьэ. Адыгэхэмрэ осетинхэмрэ я Нарт хъыбархэр лӀэшъыгъуэ XIX и кум щыкӀэдзауэ тхыгъэхэм иратхэн кӀадза, пэмыкӀ лъэпкъхэм яхэр нэхъ гувауэ[1].
ӀуэрыӀуатэр зтепсэлъыхьыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым. Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
КъекӀуэкӀхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым. Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
Гулъытыгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Нартхэр — адыгэ эпос. ХьэдэгъалӀэ Асчэр. Мыекъуапэ. 1969 гъ.
- Нартхэр. Налшыч. 1995 гъ.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Жорж Думезил. Нарт ӀуэрыӀуатэхэм теухуауэ
- Адыгэ Хэку. Адыгэ ӀуэрыӀуатэ «Нартхэр» (урыс.)
- Библиофонд. Адыгэ «Нартхэмрэ» джэрмэн «Нибелунгхэм я пшыналъэмрэ» я зэгъэлъытэгъуэ анализ. (урыс.)
- Нартхэм я хъыбархэр. Адыгэ-интернет библиотекэ. (урыс.)
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |