Севиджэ
Къалэ
|
Севи́джэ (исп-бз. Sevilla) — Эспаниэм и ипшъэ лъэныкъуэм хэт къалэ, мин 700 цӀыху дэсу. Андалусиэ хэку лъэпкъэгъумрэ Севиджэ куеймрэ я къалэ нэхъышъхьэ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пэсырем Севиджэм цӀэ зэрихьэтэр Гипалис, Урым колониэу щыта.
712 гъэм хьэрыпхэм къалэр яубыдри куей Ишбилиям (إشبيلية) и къалънэхъышъхьэ яшъа, куейм и цӀэм къыхокӀыр иджырейуэ къалэм цӀэ зэрихьэр.
Кордобэм и халифатыр зэхэкӀа яуж Севиджэр зыубыдахэр Тайфа лъэпкъым, абыхэм щыгъуэ къалъэм и лъэшыгъуэр щызэфӀэувар.
1091 гъэм Севиджэр берберхэм яубыдри илъэс шъитӀкӀэ я ӀэнатӀэм кӀэт.
1248 гъэм, мазэрэ ныкъуэрэкӀэ Севиджэм и хъуреягъыр Кастиджэм и Ферденанд III-м убыдауэ щыта нэуж, калэр эспанхэм яӀэкӀохьэ.
ЩӀэуэ и лъэшыгъуэр аргуэру щызэфӀэувар XVI-XVII лъэхъэнэхэм, Америкэр къагъуэта яуж. Апщыгъуэм Севиджэр къэралым и хыӀухьэпӀэ нэхъышъхьэ къуэдеуэ щытакъым, Ӏэшъагъэхэм пылъу хъуари къалэм екӀуэкӀхэт.
1729 гъэм Севиджэм тхылъ кӀатха зауэ емыгъэкӀуэкӀыным Эспаниэмрэ Фрэнджымрэ Инджылызымрэ я зэхуакум, яужым Нидерлэндхэри яхэхьа.
1808 гъэм Севиджэра нэхъышъхьу щытар Наполеон I-м и фрэнджызэ Эспаниэм ихьам и пэщытыным.
ШӀыпӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къалэр Эспаниэм и ипшъэ лъэныкъуэм хэт, Андалусиэм и къуэхьэпӀэм, Португалым и гъунапкъым км 90 пэщылъу. Гуадалкивир и псыхъуэм дэт, и лъэныкъуитӀыр иубыду. Севиджэ къыщыкӀэдзауэ хыпэм нэгъунэ Гуадалкивирым хы кхъухьхэр зэкӀуэ. Къалэм и пэсырей лъэныкъуэр псыхъуэм и сэмырабгъу лъэныкъуэмкӀэ хэт, къалэм къыпэщылъ хьэблэ Лос Умерос, Сестериэ, Бартиджо, Карретериэ, Ресолана, Сан Бернардо, Сан Доли, Ла Калсада, Макарена джоуэ и хъуреягъкӀэ Ӏутху. Пэсырей быдапӀэ блыным чэшъанэ 66 хэтауэ щытам, макӀэ щыщу къэнэжьар. Псыхъуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэм Трианэ хьэблэр хэт.
ПэмыкӀ къалэхэмрэ Севиджэмрэ я зэхуакум дэлъыр: Кадис - 125 км, Кордоба - 140 км, Малага - 219 км, Гранада - 250 км, Мадрид - 541 км, Барселона - 1046 км.
Хьэуар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэуар Севиджэм | |||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
Къигъэлъагъуэр | ЩӀыш | Маз | Гъатх | Мэл | Накъ | Мэкъу | Бадз | Шыщхь | ФокӀ | Жэп | ЩакӀу | Дыгъ | Гъэ |
Максимум курытыр, °C | 15.9 | 17.9 | 21.2 | 22.7 | 26.4 | 31.0 | 35.3 | 35.0 | 31.6 | 25.6 | 20.1 | 16.6 | 24.9 |
Температурэ курытыр, °C | 10.6 | 12.2 | 14.7 | 16.4 | 19.7 | 23.9 | 27.4 | 27.2 | 24.5 | 19.6 | 14.8 | 11.8 | 18.6 |
Минимум курытыр, °C | 5.2 | 6.7 | 8.2 | 10.1 | 13.1 | 16.7 | 19.4 | 19.5 | 17.5 | 13.5 | 9.3 | 6.9 | 12.2 |
Къехым я нормэр, мм | 65 | 54 | 38 | 57 | 34 | 13 | 2 | 6 | 23 | 62 | 84 | 95 | 534 |
Къызхэхар: Agencia Estatal de Meteorología, España |
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Севиджэр Эспаниэм и къалэ нэхъ инхэм ящыщ, джылу дэсымкӀэ еплӀанэреуэ ит.
1900 | 1920 | 1940 | 1950 | 1960 | 1970 | 1981 | 1991 | 2001 | 2008 |
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
147.271 | 205.723 | 302.300 | 374.138 | 441.869 | 545.692 | 645.817 | 683.028 | 684.633 | 703.206 |
Экономикэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1990 гъэхэм Севиджэм и инфрэструктурэм инвистициэшхуэхэр къэкӀуэн кӀадза. Нэхъыбу ар зытеухуатэр «Expo 1992» Севиджэ екӀуэкӀар, а гъэлъэгъуэным и гъэхьэкӀэгъуэр зэфӀэувауэ щытыным шъхьэкӀэ. Абым пэмыкӀыу къалэм и джылэ транспортым и модернизациэ ирагъэкӀуэкӀа, лъэш яшъа, пэмыкӀ къалэхэм гъушӀгъогу кӀэх «AVE»-хэм пашъа. Къэралыгъуэ аэропорт кӀэи къалэм яшъа.
Зэр Переней хы тӀыгуныкъу Севиджэ закъуэ псым тету кхъухьӀухьэпӀэ зиӀэр, км 80 Гуадалкивирым и пэм пэщылъу. А ӀухьэпӀэр Атлантик океанми, Хы Курытми епхауэ щыт, Эспаниэм и ипшъэ лъэныкъуэхэр (Андалусиэрэ Экстремадурарэ) щэхуэнымкӀэ пегъэлъыф Еуропэми Африкэм и ишъхъэрэ лъэныкъуэми КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъуми. ӀухьэпӀэр гъэтэрэзыгъуэ яшъат. 2006 гъэм, зэгъэзэхуэгъуэ лэжьыгъу хэкӀар 5,3 млн. тонн хуэдиз.
Севиджэм и гъунэгъу чэшъанибгъу иӀэ, дыгъэ энергиэ къыхаху, къалэм и нэхъыбэм экологиэ энергиэ къабзэ езыт. А чэшъанэхэм гъунджэ къагъэсэбэп, дыгъэм и нэхур ирагъэкӀуэалӀу бэкхъ гъэплъа къыхэхын шъхьэкӀэ. А бэкхъым турбинэхэр егъэлажьэ, езы турбинэхэм электроэнэриэ яшъри, джэщми махуэми къалэм ират.
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]-
Севиджэ дэт Хиралдэ
-
Фонтанрэ и кӀыбкӀэ отел Алфонсо XIII.
-
Америкэм и купс, Мариэ Лусиэ и паркым дежь
-
V Лъэхъэнэм и лъэмыдж джэщым
-
Севиджэм и метро
-
Муриджо парк
-
Конгресхэмрэ гъэлъэгъуэнхэмрэ я унэ
-
Севиджэ и аэропортыр
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Севиджэ Уикисурэтылъэм? |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |