Jump to content

Бэдрэжан

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бэдрэжан
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Solanales
Лъэпкъ: ДжэдгъалӀэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: ДжэдгъалӀэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бэдрэжан
Латин цӀэр
Solanum lycopersicum
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 521671
NCBI 4081

Бэдрэжан е Томатэ (лат-бз. Solanum lycopersicum) — зы гъэкӀэ фӀэкӀа къэмыкӀыу, щӀыпӀэ куэдым къыщагъэкӀ хадэхэкӀщ.

И лъэгагъыр см 50-70-м щӀыгъуу докӀей, щӀэгъэкъуэн хуащӀурэ м 1,5-2-кӀэ драгъэкӀей бэдрэжан лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэри щыӀэщ. КъэкӀыгъэм къудамэ куэд ещӀ, и тхьэмпэхэм лэдэх ин куэд яӀэщ, мэ къакӀэрех. КъэкӀыгъэр зыщиужькӀэ занщӀэу щытщ, жьы хъумэ и пкъыр, къудамэхэр щӀым тогъуалъхьэ, гъагъэ гъуэжь цӀыкӀухэр, Ӏэрами 5-15-у зэгъусэурэ, и щхьэкӀэм гъатхэм, гъэмахуэм къыпедзэ. Бэдрэжаныр хъуа нэуж плъыжьщ, инщ.

Ӏэрысэ лӀэужьыгъуэу и нэхъыбэм хуэбапӀэ щӀыпӀэхэм къыщагъэкӀ, хадэхэкӀ нэхъ къыхаххэм ящыщ.


Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.

pFad - Phonifier reborn

Pfad - The Proxy pFad of © 2024 Garber Painting. All rights reserved.

Note: This service is not intended for secure transactions such as banking, social media, email, or purchasing. Use at your own risk. We assume no liability whatsoever for broken pages.


Alternative Proxies:

Alternative Proxy

pFad Proxy

pFad v3 Proxy

pFad v4 Proxy