Jump to content

Тхьэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Тхьэр монотеизм културэхэм
нэхъыщхьэ гурыӀуэгъуэхэр

            

е·т·г

Тхьэ — хьэршыр къэзыгъэщӀа, дунейм тету хъаур къэзыгъэхъуа, дэнэ сыт къэхъуми, къэхъуами, къэхъунуми зи ӀэмыщӀэ илъ.

Тхьэр динхэм къызэралъытэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Авраам динхэм (Ислъам, Иудаизм, Чыристэн) — Тхьэр зыуэ, дуней псор зи ӀэмыщӀэ илъу къалъытэр.

Дин куэдым Тхьэр зэрыщыту ягугъэр, сурэту ящӀ. Ауэ Ислъамымрэ Иудаизмымрэ тэбу телъщ Тхьэр зыуи зыщӀыпӀи къэбгъэлъагъуэ мыхъухэну.

Ислъам диным Тхьэм и цӀэр Аллыхьщ. Диным къызэриӀуатэмкӀэ Аллыхьым и щытыкӀэр, къигъэхъухэр цӀыхухэм зэри къагурыӀуэнукъым. Аллыхьым и закъуэщ цӀыхухэм пщӀэ зэхуащӀу щытын хуейр.

Ислъамым Аллыхьым цӀэуэ 99 иӀэщ, а цӀэхэм Аллыхьым и щэнхэр къыдгурагъаӀуэу щытщ.

Иудаизмыр япэу монотеизм къежа динхэм ящыщщ. Иудаизм дин тхылъ Торэр иужьым зэхъуэкӀа гуэрхэр иӀэу Инджылм иратхэжауэ щытащ. Иудаизмым Тхьэм цӀэуэ 72 щиӀэщ.

Чыристэн динымкӀэ Ислъамыми Иудаизмыми хуэдэу, къеӀуатэр Тхьэм щӀэдзапӀи кӀэухи имыӀэу. Ар дэни щыӀэщ, псори зыщӀэщ, псори зыхузыфӀэкӀщ, псори къэзыгъэхъуащ. тхьэр икӀи пагъакӀуэр псалъэ ФӀыгъэ Дэхагъэ гурыӀуэгъуэхэм. Ауэ Чыристэн диным мыдрей динхэм елътауэ Троицэр я фӀэщ мэхъу. Ахэм къалъытэр Тхьэм напищ иӀэу — Тхьэ-адэ, Тхьэ-къуэ, Нэху-псэ.

Чыристэн диныр куэду еугуэш, дэтхэнэ гуэшыгъуэми Тхьэр къызэралъытэр тӀэкӀу зэщхьэщыдзауэ щытщ.

Буддизмым Тхьэ гурыӀуэгъуэу къагъэсэбэпкъым. А диным щӀэтхэм япэу цӀыхум и зэфӀэкӀыныгъуэхэращ ирагъэшыр. Буддэ Тхьэр щымыӀэу къиӀутэтэу къаӀуэтэж, ауэ буддизмыр къыщежа лъэхъэнэм щыгъуэ ахэм къалъытэт дунейр псор зы Абсолутым и ӀэмыщӀэм илъу. ИкӀи къыздэс буддэхэм Тхьэ псалъэм пагъув Абсолут гурыӀуэгъуэр.

Сикхэм зы Тхьэ закъуэр я фӀэщ мэхъу, абыхэм Тхьэр къалъытэр зэикӀ узлъэмыӀэсыну. ДинымкӀэ Тхьэм и цӀэ дыдэр зыми ящӀэкъым. Абыхэм зэралъытэмкӀэ Тхьэм и зэкъуащ дунейр къыщигъэщӀам и мыхьэныр зыщӀэжыр. ЗэралъытэмкӀи Тхьэр зыри зыкӀэлъихукъым икӀи зыми зыри ятрилъхьэкъым, Тхьэм ауэ лъагъунынгъэ, гуапэгъэхэр къыбгъуэдокӀ.

Хиндуизмым Тхьэ куэд яӀэми, абы къудамэ гуэрхэр иӀэщ зы Тхьэм тепсэлъыхьхэу. А диным абы ироджэ ИшварэкӀэ.

Тхьэншэхэм къалъытэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Иджырей зэманым Тхьэр зи фӀэщ мыхъухэр куэд къэхъуащ. Абыхэм иныкъуэхэм Тхьэншэ дыдэу забжкъым. Абы къыхэкӀыуи апхуэдэ цӀыхухэр гупищ нэхъыщхьэу яугуэшхэр — атеизм, агностизм, игностизм. Теодор Дранж зэритхамкӀэ абыхэм къалъытэхэр мыпахуэдэу птхы хъунухэщ.

Атеист: «Сэ Тхьэр щыӀэу си фӀэщ хъукъым» Агностик: «Сэ Тхьэр щыӀэрэ щымыӀэрэ сщӀэкъым» Игностик: «Сэ къызгурыӀуэкъым Тхьэ щыжыфӀэкӀэ, а псалъэм къивгъэкӀыр».

Атестхэм ялъытэр дунейр Тхьэм къимыгъэщӀауэ икӀи Тхьэр щымыӀэу жаӀэ. Абыхэм зэрыжаӀэмкӀэ Дунейр езы-езыуэ къэхъуауэращ.

Ангностикхэм Тхьэр я фӀэщ хъууи мыхъууи щыткъым. Абыхэм ялъытэр тхьэр щыӀэрэ щымыӀэрэ цӀыхум псэуху зэри къыхуэмыщӀэну.

Игностикхэм къалъытэр Тхьэр щыӀэрэ щымыӀэрэ къытхуэмыщӀэну. Абыхэм зэралъытэмкӀэ Тхьэ гурыӀуэгъуэм къикӀыр нэхъ гъэхуауэ жыӀын хуейщ, ар зэрыщыӀэр уи фӀэщ пщӀынрэ умыщӀынрэ япэ.

Тхьэр я фӀэщ зэрыхъур дунейм

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

2009 гъэм ирагъэкӀуэкӀа щӀэупщӀэмкӀэ дунейм тет цӀэхухэр мэхъу: чыристэну — 33%, муслъымхэу — 21%, иудаизмым щӀэтхэр — 0,22%, хиндуизм — 14%, буддизмым щӀэтхэр — 6%, китай хабзэ динхэм щӀэтхэр — 6%, нэгъуэщӀ динхэм щӀэтхэр — 6%, тхьэншэхэр — 16 %[1].

Дин тхыгъэ лъапӀэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
pFad - Phonifier reborn

Pfad - The Proxy pFad of © 2024 Garber Painting. All rights reserved.

Note: This service is not intended for secure transactions such as banking, social media, email, or purchasing. Use at your own risk. We assume no liability whatsoever for broken pages.


Alternative Proxies:

Alternative Proxy

pFad Proxy

pFad v3 Proxy

pFad v4 Proxy